2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ Преграднэ станицэм и Кирилломефодиевскэ члисэм и унафэщI щоджэн Соловьев Алексейрэ хэтащ металлургым и махуэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэм. А махуэм Медногорскэ къуажэм Урупскэ бгы-хъугъуэфIыгъуэ комбинатым и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ я махуэшхуэмкIэ.
Щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений комбинатым и лэжьакIуэхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну. Махуэшхуэ концерт къызэрагъэпэщащ.