Суворовскэ станицэм тхьэлъэIукIэ ягу къыщагъэкIыжащ Космэрэ Дамианрэ

15.07.2017
Просмотры: 2615

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м, щихъхэу, Римым Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зыщрагъэшэча Космэрэ Дамианрэ я фэеплъым, Суворовскэ станицэм щихъхэм я члисэ цIыкIум, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэу Верэ, Надеждэ, абыхэм я анэ Софие сымэ я цIэр зезыхьэ члисэм щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман махуэшхуэ тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэным тхьэлъэIум хэтхэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ икIи Космэрэ Дамианрэ я гъащIэм тепсэлъыхьащ, зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым псоми псы лъапIэм щыщ ялъигъэIэсащ.

2615