Благочиннэр IущIащ полицэм и район къудамэм и лэжьакIуэхэм

09.07.2017
Просмотры: 2971

Мы махуэхэм Урысей МВД-м и «Зеленчукский» къудамэм щекIуэкIащ отделым щыщхэмрэ щоджэнымрэ я зэIущIэ. Муниципальнэ къудамэм и ветеран зэгухьэныгъэм и унафэщI Батчаев Мухьэт зэхуэсым хэтыну иригъэблэгъащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ Марухэ къуажэм и мэжджытым и имам Биджиев Ансаарэ- хьэжырэ.

Щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений къыхигъэщащ къэралкIуэцI органхэм я лэжьакIуэхэр къулыкъум зэрахущытым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Фащэ ящыгъымкIэ абыхэм жэуаплыныгъэ къалъос къулыкъу щащIэкIи лэжьыгъэм щыпэрымытым и дежкIи щапхъэгъэлъагъуэу щытыну. «Унафэр зыIэщIэлъхэм хабзэр къызэпауд хъунукъым. Абыхэм зэпымыууэ гу лъатапхъэщ къэзыухъуреихьхэм я хьэл-щэнхэм. Языныкъуэхэм зэрахьэ хабзэншагъэр гулъытэншэ хъумэ, ди уэрамхэр пхъэнкIииншэ зэи хъунукъым, тетIысхьэпIэхэм щIалэгъуалэм я лъакъуэр адэкIи трагъэувэнущ, псалъэ къемызэгъхэр жаIэнущ», - къыхигъэщащ щоджэным.

 Благочиннэм фIыщIэ тхылъыр яритащ ветеран зэгухьэныгъэм и фIыщIэ тхылъыр, щIэблэр гъэсэным теухуауэ къазэрыдэлажьэм папщIэ.

2971
Фотогалерея