УмэхъакIуэ Иоанн и Хъромэм щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Сунжэ къуажэм щыIущIащ

08.07.2017
Просмотры: 3132

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м, Бегъымбар, Тхьэм и умэхъакIуэ Иоанн и Хъуромэ махуэшхуэм и пщыхьэщхьэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Псыхуабэ КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ и кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIум Тхьэ щелъэIуащ къалэм дэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жиIащ Кубэ Аннэ зэригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым. Каноным къыщеджэм, Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ялъигъэIэсащ гъэнэхуа дагъэм щыщ.

ТхьэлъэIу нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи тхьэлъэIум хэт псоми Тхьэм и фIыгъуэр къалъысыну ехъуэхъуащ, къепсэлъэну гукъыдэж зиIэхэм гулъытэ яхуищIу.

Махуэшхуэм, 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт УмэхъакIуэ Иоанн и цIэр зэрихьэу Минераловодскэ районым и Сунжэ къуажэм дэт Рождество члисэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм и гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм Литургиер драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, члисэм и унафэщI щоджэн Гайворонский Алексий, Минераловодскэ благочинием и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм.

Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. ТхьэлъэIу литургие уэрэдхэр жиIащ Минводы къалэм и Покровскэ члисэм и хорым. Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм и тхьэлъэIур зэдагуэшыну къызэхуэсащ: Тэрч къэзакъыдзэм и атаманым и къуэдзэ Губенкэ Олег, къэзакъхэр, къуажэм дэсхэр, гъунэгъу щIыналъэхэм щыщу тхьэлъэIум хэтыну къэкIуахэр. 

Щоджэн нэхъыщхьэм Санкт-Петербург и Духовнэ Семинарием и бакалавриатым и 1 курсым и студент Лазу Андрей орар зэрихьэну хуитыныгъэ щритащ. Ектении нэужьым Пастыр нэхъыщхьэр Тхьэ елъэIуащ Украинэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ мамырыгъэ щыIэн папщIэ. Литургие нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт иригъэкIуэкIащ зэгъусэ тхьэлъэIур. Щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ махуэшхуэм теухуа узэщIыныгъэкIэ. 

Члисэ пщIантIэм хьэщIэхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэмрэ къащыпэплъэрт «Вольница» къэзакъ ансамблым и концерт. 

ГуфIэгъуэр махуэшхуэ IэнэкIэ зэхуащIыжащ. 

3132
Фотогалерея