Щоджэнхэм я зэхуэсым щытепсэлъыхьащ тхьэлъэIу пэш къызэрызэIуахынум

01.07.2017
Просмотры: 2804

Кавказскэ (КъШР) къуажэм и Георгиевскэ члисэм Ищхъэрэ-Къэрэшей- Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ. Округым и щоджэн нэхъыжь Тарнакин Александр къыхигъэщащ щоджэныр чристэн гъащIэм и щапхъэу зэрыщытыпхъэр, шыIэныгъэрэ хьэлэлагърэ хэлъын зэрыхуейр.

Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь щоджэнхэр Iэнэм щысащ икIи округым и щоджэнхэм я зэIущIэ зэхэтащ. Щоджэнхэм я зэхуэсым щытепсэлъыхьащ сабийхэр «Зеленый Афон» зэхуэсым зэрыхэтынум, социальнэ IуэхущIапIэхэм я нэIэ зэрытрагъэтынум. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ Республикэ геронтологие центрым. Мыгувэу абы тхьэлъэIу пэш къыщызэIуахынущ.

2804