Щоджэныр станицэ школыр къэзыуххэм ехъуэхъуащ

24.06.2017
Просмотры: 2670

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Май районным и Котляревскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ станицэм и курыт еджапIэ №8-м и 11 классыр къэзыуххэм я иужьрей пщыхьэщхьэр. Станицэм дэсхэмрэ Май районным и хьэщIэхэмрэ зэхуэсащ ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуэну.

Школыр къэзыуххэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ станицэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Барышев Алексий. Щоджэныр школыр къэзыуххэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи зыщащIыжа къалэнхэр зрагъэхъулIэну ехъуэхъуащ. Пщхьэщхьэр щиухым хьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтеящ.

2670