Псыхуабэ епархием и лэжьыгъэр къалъытащ

20.06.2017
Просмотры: 3124

Москва Патриархием и Iуэхухэр зезыгъакIуэ, Санкт-Петербургскрэ Ладожскрэ я митрополит Варсонофий Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тхыгъэ хуигъэхьащ, Патриарх Кирилл къыбгъэдэкIыу. Абы щихънагъ нэхъыщхьэм, епархием и клирикхэм, цIыхухэм фIыщIэ щыхуещI 2016 гъэм епархием и члисэ гъащIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ялэжьахэм папщIэ.

«Къыхэгъэщыпхъэщ, щоджэнхэм щIэныгъэфI зэрабгъэдэлъыр, социальнэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр жыджэру зэрагъэзащIэр. Апхуэдэу уегъэгуфIэ щIалэгъуалэми лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIым», - щыжыIащ митрополит Варсонофий и тхыгъэм.

3124