Благочиннэм библиотекэм тыгъэ хуищIащ зэрызэхъуажэ хъуну тхылъхэр

16.06.2017
Просмотры: 2959

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Зеленчукскэ библиотекэ нэхъыщхьэм Iэ щытрадзащ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и IуэхущIапIэхэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.

ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ библиотекэм и унафэщI Чотчаевэ Любовьрэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ. Тхылъым ипкъ иткIэ, сабийхэм я духовнэ гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэщIыным, тхылъеджэхэм лъэпкъым и дежкIэ лъапIэныгъэ зиIэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ чристэн литературэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щхьэхуэ библиотекэм къыщызэрагъэпэщ. Тхылъхэр Ипщэ Къэрэшей- Шэрджэс округым и члисэхэм, тхылъеджэхэм къабгъэдэкIынущ.

Iуэхум хыхьэу тхылъеджэхэр чристэн литературэкIэ зэхъуэжэнущ. Унагъуэ библиотекэхэм щахъумэ тхылъхэм я гъащIэм апхуэдэ щIыкIэкIэ къыпащэнущ.

ЗэгурыIуэныгъэм Iэ традза нэужь, Ипщэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений библиотекэм и фондым литературэ зыбжанэ хэлъхьэныгъэ хуищIащ, ирагъэжьа Iуэхум и пэщIэдзэу.

ЗэгурыIуэныгъэр зэрызэращIылIэмрэ тхылъхэр къызэрыратымрэ я щыхьэт хъуащ библиотекэм и тхылъеджэ ныбжьыщIэхэр.

2959
Фотогалерея