Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт епархие унэм и члисэм литургие щригъэкIуэкIащ

14.06.2017
Просмотры: 3719

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархие унэм и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ: Москва и Духовнэ Академием и доцент щоджэн нэхъыжь Великанов Павел, Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, къардэнхэу Ендовицкий Сергийрэ Колот Ататолэрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуну зэхуэсащ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ. 

Ектении нэужьым Щихънагъ нэхъыщхьэр Тхьэ елъэIуащ Украинэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ мамырыгъэ щыIэн папщIэ. Литургие нэужьым абы фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ узэщIыныгъэкIэ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъылIащ хабзэ зэрыхъуауэ.

3719
Фотогалерея