2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м Минераловодскэ районым и Греческэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, Урысйем и махуэм теухуауэ. Махуэшхуэм хэтащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Пронь Алексей. Ар къызэхуэсахэм махуэшхуэм ирихьэлIэу ехъуэхъуащ заузэщIыну. КърихьэлIахэм я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ къуажэм щыщ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ.