Кисловодск щагъэлъэпIащ сабий гъэсапIэм гъэсэнхэр илъэс ебланэ хъуауэ къызэрыщIигъэкIыр

13.06.2017
Просмотры: 2179

Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ чристэн сабий гъэсапIэ Кисловодск къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм щылажьэм илъэс ебланэ хъуауэ гъэсэнхэр къызэрыщIагъэкIыр щагъэлъэпIащ.

Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген фIыщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, сабийхэм, адэ-анэхэм, гъэсакIуэхэм щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт къыбгъэдэкIыу ехъуэхъуащ икIи школым я щIэныгъэм щыпащэныр къехъулIэну захуигъэзащ.

КъыкIэлъыкIуэу махуэшхуэ концерт екIуэкIащ, я гъэсэнхэри хэту. Дэтхэнэми саугъэт зыщIыгъу дипломыр иратыжащ, адэ-анэхэм фыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ. Махуэшхуэм и щIыхькIэ сабий гъэсапIэм и пщIантIэм шар зэмыфэгъухэр уафэгум щраутIыпщхьащ.

2179
Фотогалерея