Богослов-катехизатор курсхэр къэзыухахэм дипломхэр иратыжащ

12.06.2017
Просмотры: 2404

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м, Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и щIалэгъуалэ центрым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт епархием и богослов-катехизатор курсхэр къэзыухахэм дипломхэр яритыжащ. Пастыр нэхъыщхьэм япэщIыкIэ хъуэхъукIэ захуигъэзащ курсыр къэзыухахэм. Абы ягу къигъэкIыжащ щIэныгъэ быдэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, екIуэлIапIэм къулыкъу щыпщIэным жэуаплыныгъэ ин зэрыпылъыр.

2017 гъэм дипломыр цIыхуи 108-м иратыжащ. Курсхэм я унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег дипломхэр иратыжа нэужь, щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт фIыщIэ хуищIащ щIэныгъэм гулъытэ зэрыхуищIым, курсыр къэзыухахэм шыIэныгъэ зэрахэлъым, щIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэм папщIэ. Щихънагъ нэхъыщхьэм фIыщIэ хуащIащ Прохладнэ, Кисловодск, Псыхуабэ щыщу курсыр къэзыухахэм. Зэхыхьэр щиухым зэгъусэу Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и дэкIуеипIэм сурэт щызытрагъэхащ.

2404
Фотогалерея