Щоджэныр мэкъумэшыщIэхэм ехъуэхъуащ я гъавэхэр бэв хъуну

12.06.2017
Просмотры: 3052

Государственнэ (Советскэ) станицэм Тхьэм и Уэхьий Михаил и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI щоджэн Федюнин Дионисий фермер IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я гъусэу губгъуэхэм зыщиплъыхьащ. ТхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ гъавэхэр Iуахыжыным и пэ къихуэу. Хабзэ зэрыхъуауэ, фермер IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм и гъусэу, щоджэныр губгъэухэм кIуэри Тхьэ елъэIуащ гъавэхэр Iуахыжыныр къехъулIэн папщIэ. Къэзакъхэм зэрахабзэу, тхьэлъэIур зэхуащIыжа нэужь, Iэнэм бгъэдэсащ.

3052