Черкесск и унагъуэ центрым и япэ семинарыр екIуэкIащ

12.06.2017
Просмотры: 2295

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м «Покров» центрым щекIуэкIащ Нартовэ Еленэ сабийм узэрыкIэлъыплъынумрэ ар зэрыбгъэшхэнумрэ зэхуэсахэр хэзыгъэгъуазэ и «Бын зыгъашхэ анэхэм я зэIущIэ. Ди Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ дызохъуажэ!» япэ семинарыр.  

Центрым и лэжьыгъэр зэрыригъажьэм емылъытауэ, зэхуэсым цIыхуих кърихьэлIащ. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр Еленэ мэкъуауэгъуэм и 25-м сыхьэт 12-м къызэригъэпэщынущ икIи ар теухуауэ щытынущ сабийр зэрыбгъэшхэным. «Покров» унагъуэ центрыр зэIуахынущ «Чристэн жэрдэм» дунейпсо грант зэпеуэм пашэ щыхъуам и проектыр гъэзэщIэным и IуэхукIэ.

2295
Фотогалерея